Ипшэ Джорджэрэ, Ипшэ Сандуичхэрэ хы тӀыгухэр
Ипшэ Джорджэрэ, Ипшэ Сандуичхэрэ хы тӀыгухэр ин-бз. South Georgia and the South Sandwich Islands | |||||
| |||||
Гоуидзэр: «"Let [or May] the Lion protect his own land" (Аслъэным и щӀыр иредвгъэхъумэж)» | |||||
Къэрал уэрэд: «God Save the Queen» ( едэӀун (info)) | |||||
Нэхъышъхьэбзэхэр | инджылыбзэ | ||||
Къалэ нэхъышъхьэр | Грютвикен | ||||
Къалэ нэхъ инхэр | Грютвикен | ||||
ӀэнатӀэ хабзэр | конституциэ пэштыхьей | ||||
Пэштыхьэ Генерал-губернатор |
Елизавета II Нигел Хьейвуд | ||||
ШӀыпӀэр • Псори |
3 903 км² | ||||
Къэралым и джылэр • ЗэралъытэмкӀэ (2006) • Ӏувагъыр |
30 цӀыху 0,005 цӀыху/км² | ||||
Интернет-доменхэр | .gs | ||||
Зэманыгъуэхэр | -2 | ||||
Ипшэ Джорджэрэ, Ипшэ Сандуичхэрэ хы тӀыгухэр Уикисурэтылъэм |
Ипшэ Джорджэрэ, Ипшэ Сандуичхэрэ хы тӀыгухэр (ин-бз. South Georgia and the South Sandwich Islands) — Ипшъэ Америкэм хэт къэрал. Къалэ нэхъыщхьэр — Грютвикен. Къэралым хеубыдэр хы тӀыгу Ипшэ Джорджэрэ, абы нэмыщӀ Ипшэ Сандуичхэ хы тӀыгу зэхэт. Хы тӀыгухэр Атлантикэ хышхуэм и ипшэ лъэныгъуэмкӀэ гъэзахэщ. ЩӀыпӀэхэр Британиэшхуэм хохьэхэр. И инагъыр 3 903 км² мэхъу, цӀыхуу щыпсор цӀыхуу 30 фӀэкӀ хъукъым.
Ипшэ Джорджэ
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Ипшэ Джорджэ — хы тӀыгу зэхэт, Атлантикэ Хышхуэм ипшэ лъэныкъуэмкӀэ гъэзахэу. Хы тӀыгу зэхэтым хохьэр — зы хы тӀыгушхуэр, нэхъ цӀыкӀуу зыкъомрэ.
1675 гъэм къызэӀуихащ инджылы щэхуакӀуэ Антони де ла Роше. Япэу къэзыплъыхьу тепсэлъыхьар цӀэрыӀуэшхуэ хыерсылӀ Джеймс Кукщ 1765 гъэм.
XVIII-XIX лъэхъэнэхэм Ипшэ Джорджэм Инджылым къикӀауэ цӀыху куэд щыпсохэт хы псэущхьэхэм ешэхэу.
Иджы хы тӀыгум щыпсор цӀыхуу 30 нэблагъэщ. Гъэмахуэм абыхэм я бжыгъэр хохъуэ, хы тӀыгум щыпсо псэущхьэхэр къызэыплъыхьынухэм я фӀыгъэкӀэ.
Ипшэ Сандуичхэ хы тӀыгухэ
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Ипшэ Сандуичхэ хы тӀыгухэ — Атлантикэ Хышхуэм и ипшэ лъэныкъуэмкӀэ гъэзахэу хы тӀыгу зэхэт. И инагъыр — 310 км². Хы тӀыгу зэхэтым хохьэхэр хы тӀыгу цӀыгу гуп. И нэхъ Ӏэта щӀыр — Ӏуащхьэ Белиндэ (1372 м), ар хы тӀыгу Монтегуэм тетщ.
Япэу къэзыплъыхьу тепсэлъыхьар Джеймс Кукщ 1765 гъэм.
Хы тӀыгухэм цӀыху щыпсокъым. Гъэмахуэм экспедициэхэм къаплъыхьхэ.
Джабэ Лъэбакъуэ
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Джабэ Лъэбакъуэ — псым ауэ къыхэщ, джабэ цӀыкӀухэщ. ЦӀырыӀуэ щэхъуар ӀуэрыӀуатэщ, а джабэхэм деж эспан кхъухь дыщэ зэрыз щӀилъэфауэ. А кхъухь ӀуэрыӀуатэхэм я фӀыгъэкӀэ, хыерсылӀ куэдым джабэхэр къаплъыхьауэ щтащ, иджыри къаплъыхь къагъуэтын яфӀэщӀу.
Псэущхьэхэмрэ къэкӀыгъэхэмрэ
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Хы тӀыгухэм дунейр щыщӀэӀэми псэущхьэ зэмылӀэужыгъуэ куэд щопсохэ. Псом нэхъ нэхъ къаплъыхьхэр хы тӀыгухэм щыпсо вымпӀухэращ. Ахэм нэмыщӀ хы тӀыгумхэм щопсохэ бзу зэмылӀаужыгъуэ, хы псэущхьэ куэдхэр.
Сурэтхэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]-
Ипшэ Джорджэ щыпсо пшы вымпӀухэр
-
Пшы вымпӀухэм я колониэ
-
Грюткивен
-
Хы тӀыгухэр къэзыплъыхьхэм ящыщ зы кхъухь
-
Албэтрос шыр
-
Ипшэ Джорджэм и зы псыкъелъэ
-
Ипшэ Джорджэм щыпсо щыхь
-
Ипшэ Джорджэ хы тӀыгу щӀымахуэм
ТехьэпӀэхэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Гулъытэгъуэ
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Ипшъэ Америкэм и къэралхэр |
|
---|---|
Хуитым къэралхэр | Архентинэ • Боливиэ • Бразил • Венесуелэ • Гайанэ • Колумбиэ • Парагуай • Перу • Суринам • Уругуай • Чили • Экуадор |
ЩӀыпӀэ щхьэхуимытхэр | Фолклэнд хы тӀыгухэр • Фрэндж Гуианэ • Ипшэ Джорджэрэ, Ипшэ Сандуичхэрэ хы тӀыгухэр |
Мыр тхыгъэ нэмгъэсащ хэкумэтхымкӀэ. Проектым удэӀэпыкъуфынущ, бгъэтэрэзу нэхъыбэ иптхэм. Мы псалъашъхьэр зэфӀэкӀыгъуэфкӀэ нэхъ тэрэзымкӀэ зэхъукӀын хуэй. |